text
stringlengths
11
353k
meta
dict
Мыхъц Кэрим ЗэзыдзэкIар: Агыр Т. *** Лъагъуныгъэр пасэ дыдэу си тепщэу сихуат и пащхьэ, СымыщIэт сэ иджыри абы е и цIэ е и щхьэ. Иджы сцIыхуати и цIэри и щхьэри, Езыр сиIэжкъым, сыщысщ сохущхьэри. *** CыщIалэт, стхыт си усэхэр гупсэхуу, СимыIэ гукъеуэхэр сытIысрэ къэзгупсысу. КIуащ си щIалэгъуэр, сотх си усэхэр… СимыIэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "abhazabaza.txt" }
ЗэзыдзэкIар ЩоджэнцIыкIу Алийщ Мазэ нурыпсым удзыфэ-сырыхуфэу зэщIила тенджыз абрагъуэр Iуфэм щхьэхынэу, жеяуэ, мыхъейуэ адэ жыжьэ щолъагъур. Пшэ пIащIэ хъар джылъ лэдэххэр жахэу, зи дыщэ хъуаскIэ пщIыпщIхэр щIэмыуфа вагъуэхэр, щабэрэ дыжьыныфэу а тенджызым къищу юг уафэ щхъуантIэхэм ар хэкъуэуэжа щIыкIэу жейрт. Хы Iуф...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "adr.txt" }
ЕЛЕНЭ ДАХЭКIЕЙРЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ ПЕЛУАНЫМРЭ къэбэрдей хъыбарыжь, I889 гь. I ЗАНЭ-КЪЭРЭБЭТЫР НЫСАЩIЭ КЪЫЗЭРИШАР Хы Iуфэм Iут къалэм и пщыр Занэ-къэрэбэтырт. АкъылкIэ губзыгъэрэ къарукIи къыпэлъэщ щымыIэу, Занэ балигъыпIэ иувакIэт, арати, къалэм дэс дадэхэм щIалэм кърагъэшэну мурад ящIащ. Iуэхур езы пщым щыбгъэдалъхьэм, езыри...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "adygafolk.txt" }
Фет (Шеншин) Афанасий и тхыгъэхэр ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ *** Бзыгъэщ, уэмщ гъэмахуэ пшыхьыр, Еплъыт, щхьэукъуащ дзэл щхьэкIэр, КъуэхьэпIэм пшэплъым зыщешыхьыр, Уафэр къигъаблэу щхъуэкIэплъыкIэу. Зэм къежэхыу джабэм, зэм дэжейуэ, Жьыбгъэм мэзым къыщежыхь мыжейуэ. Зэхэпхрэ шыхэр зэрыщыщыр? Абыхэм жэщым къыщажыхьыр ущ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "afanasi.txt" }
КЪЭРАБГЪЭ ЗэзыдзэкIарУэрэзей Афликщ (Бгырыс хъыбар) Къуршыбгъэм иху тхьэкIумэкIыхьу, Мэз бжэным хуэдэу щIэкIыу и лъэр, Хьэрун къыIуех, шынауэ, и щхьэр ЗауапIэм, щыжэм адыгэлъыр. Я хэкур, щIыхьыр яхъумэжу Ятащ я гъащIэр къуэшхэм, адэм. Иуауэ сабэм, лъыр къапыжу ЗауапIэм илъщ абы я хьэдэр, ЛъыщIэж щIэлъэIуу мажэ я лъыр. ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "aflik.txt" }
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ Нил ГугъапIэ диIэщ, ди гуапэщ гум ехуэбэкI псыIагъэр Жэнэт щIыналъэщ, и Iуфэр зэщIэгъэгъащ щхъуантIагъэу. ЩIэращIэщ пщащэ щIыкIафIэу, зауэлI къудану зэкIужщ, ДыгъэнэбзийхэрпсыщхьэфэмщоджэгурипсымхоткIухьыж. Тенджыз губжьауэ гъатхэпэм къиунщи, уэру ехынщ Гъэр икIыхун зыхуежэхыр, щIэлажьэр цIых...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ahmad.txt" }
Аиссе (1694-1733) ЗэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Францием и дипломат граф Шарль де Ферриоль пхъу ищIауэ щыта цIыхубз Хьэишэт (Аиссе) француз литературэм и классик хъуауэ щытащ. Илъэс щитIрэ щэ ныкъуэм нэсауэ абы и творчествэм тхакIуэу, критикыу, литературоведу тетхыхьыжыр мащIэкъым. Адыгэ цIыхубз телъыджэм хуагъэпсащ р...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "aisse.txt" }
Гугъэм хуэуса Си бгыр япэщIэскъузащ гугъуехьхэм, гъазэ хэмыту. Жан срихъуащ нэху кIанэу къещэщэх нэпсым. Гукъеуэхэм гурыфIыр къыдагъэгъуэтхэ Афэ джанэ зыщызодзэ, сыпоув лIэщIыгъуэм. ЩэныфIэныр уэ уи фэщ, зышыIэныгъэри сэ Дзэшхуэр тхуапI, тхуалэжь щэхуурэ щIэуфаурэ Бэракъ тхуэхъуну зыкъызредзэкI си натIэм, Хъыуэ дызыпхы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "akif.txt" }
Адыгэбзэ щIэнIуатэ Черкесск щызэхэтащ Дыгъэгъазэм и I8-20 махуэхэм Черкесск къалэм щекIуэкIащ егъэджэныгъэм и пщалъэр зыубзыху къэрал стандартыр гъэзэщIа щыхъу иджырей зэманым лъэпкъыбзэ куэдым ядэщыIэ адыгэбзэм иIэ щытыкIэмрэ зэрызиужьыфыну Iэмалхэмрэ теухуа конференцэ. Ар къызэрагъэпэщат Къэрэшей-Шэрджэс республикэм ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "amina.txt" }
Ахматова Аннэ *** ТIощIрэ езанэщ. Жэщщ. Блыщхьэщ. Щыхьэр нэзхэм кIыфIыгъэр щхьэщытщ. Зэхилъхьакъэ Iуэхуншэ гуэрым Лъагъуныгъэ тету дунейм. Щхьэхынагъэм е зэшым къыхэкIми Я фIэщ хъуащи апхуэдэу мэпсэу: Зэхуозэш, зэпыкIын мэшынэ. Яус лъагъуныгъэ уэрэд. Арщхьэ иныкъуэхэм щэхур къаумысри Щымагъэр я гущхьэм телъу мэпсэу. Ар...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "anna.txt" }
*** Ди сэшхуэхэр щызырехьэхыу бийм я щхьэщыгум Дэрмэ дыхуарзэу, дыджэрэзу щхьэл мывэхэм хуэдэу… ЦIыхубз дахэ дапщэм ялI хэзгъэхуа мы сабэхэм, псэ яIумытыжу. Избзэрэ я пщэ лъынтхуэр IупщIакIэ ущIахэм ещхьу. Зэ епхъуэгъуэ сщIыт ахэри, лъыу ящIэтыр къэунэщIт… Дауэ уемупщIынрэт а шухэм уэ Жан гуащэ Уащымыгъуазэмэ уэ си хъы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "Antara.txt" }
Мирабо лъэмыжыр Мирабо лъэмыжым щIож Сен’ымрэ Ди лъагъуныгъэхэмрэ. Сигу къэзгъэкIыжын хуей нобэ, ауэ сыздэщытым ГуфIэгъуэр къызэрысар, къыкIэлъысу гугъехь… Теуэ сыхьэт махуэ! Къэс жэщ гуапэ, Махуэр макIуэ, сэ сыкъонэ, щэхуурэ. Си Iэхэм IэщIэлъу уи Iэр, дыщыгъэт ди нэкIу зэтау. Ди Iэблэхэр лъэмыжу ЩIыреж и щIагъ, есурэ ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "apoliner.txt" }
IЭКУАНДЭ ДАХЭ Мис, тыкуэным зричауэ уэрамым ирожэ. И теплъэр жыпIэмэ, ар игъэзэщIэну зыхуэпIащIэ къалэным зэригъэзэхуэну и пщэ дилъхьа нэхъей, «хэт сэ сыкъэзымылъагъужар» жыхуиIэ псалъэфэм и сурэтщ къалэкур зи куэбжэпэ унэгуащэр. Щхьэцыр IэгукIэ ирилъэщIэкIа къудейщ, ижьаи имыжьаи. ПщIантIэм зэрыдэт хъэлатымкIэ къыдэжа...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "aquanda.txt" }
Перро Шарль Шырыкъу зыщыгъ джэду ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ Еуэрэ-еуэрэт, жи: щхьэлтет гуэрым къуищ иIэти, езыр щылIэм, къахуигъэнаращ – щхьэлыр, зы шыд, зы джэдуухъу. Адэ щIэиныр зэшхэм езыр-езыру зэдагуэшыжащ, суди нотариуси къыхамыгъэIэбэу – хагъэIэбамэ абыхэм зыIурадзэнут зэшхэм къахуэна мылъку тIэкIур. Нэхъыжьым щхьэл...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "articles.txt" }
ЦIэ зыпIытI хъыджэбзхэр ГуIэ цIыплъым къызэрегъалъэ сабийм и натIэр Дунейр и тIэу пкIэгъуэрэ, пщIыхьхэр и псэукIэ къудеуэ И уэншэкум бгъэдохьэ и шыпхъушхуэ щIэращIэхэр Я Iэпэхэр псыгъуэ зэкIужу, я Iэбжьанэхэр дыжьыну. IуагъэтIысхьэ я дэлъху цIыкIур пщэдджыжь щхьэгъубжэIум, Бгъуэшхуэу, зэIухау, уафэ бзыгъэм гъагъэхэр аб...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "artur.txt" }
ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ *** Ди нэм илъагъу псори нэкъыфIэщIщ, Куууэ щIэгъэпщкIуащ дунейм и щэхур. Нахуэу плъагъур умыщIу уи фIэщ, Къэлъагъуф умылъагъум и нэхур. *** Тхьэм ди натIэм къритхар зэгуэрым ЗэтхъуэкIыну ди къарум дэмыхуэ. Тхузэгъэзахуэм, зридгъэкъуфынущ дэ ар зыгуэру, Зыри нэгъуэщIхэм къатедмыхыу, къеIыдмых...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "asd.txt" }
Калигулэ ЗэзыдзэкIар Бещтокъуэ Хьэбасщ ЕдзыгъуиплIу зэхэлъ пьесэ Хэтхэр: Калигулэ Цезоние Геликон Сципион Херея Сенект (лIакъуэлIэш лIыжьщ) ЛIакъуэлIэшхэр: Метелл Луций Лепид Октавий УнафэщIыр Мерейя Муций Езанэ къэрагъул ЕтIуанэ къэрагъул Езанэ къулыкъущIэ ЕтIуанэ къулыкъущIэ Ещанэ къулыкъущIэ Муций и щхьэгъусэр Езанэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ashj.txt" }
Ашыкъ-Кериб Тырку шыпсэ ЗэзыдзэкIар ХьэтIохъущокъуэ Къазийщ Тифлис, I86I гъэ Зы зэман Куржым и щыхьэр Тифлис зы тырку бей дэсащ. Тхьэм дыщэ куэд къритат абы, арщхьэкIэ зыпхъу иIэти, Магул-Мегери и цIэуэ, дыщэ куэдым нэхърэ нэхъ игъэлъапIэрт. Уафэм вагъуэ дахэхэр щолыд, а вагъуэхэм я щIыбкIэ мелыIычхэр щыIэщ нэхъ нур да...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "asik.txt" }
Астрофизикхэр щыхьэт зытехъуэ къэхутэныгъэ телъыджэхэм ятепсэлъыхь Science Alert сайтым (Австралие) хъыбар зэрызэбгригъэхамкIэ, Шы хулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон щIэныгъэлIхэм «къыщалъэгъуащ» алъандэрэ зыщымыгъуазэу щыта пкъыгъуэ абрагъуэ. КIэлъыплъахэм гу лъатащ хьэршым гъуэз зэмылIэужьыгъуэу щы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "aslanadigapsale.txt" }
Фирхьэунымрэ Хоралымрэ ЗэзыдзэкIар Къашыргъэ Иннэщ Парк тетIысхьэпIэм Сопи зимыгъэхъейуэ телът. ЩIымахуэр къэблэгъати, абы щхьэегъэзыпIэ гуэр къигъуэтын хуейт. Сопи куэдми щIэхъуэпстэкъым. Зыхуейр щIымахуэ мазищыр хьэпсым щигъэкIуэну аркъудейт. Сопи фIыуэ ищIэрт шхын тIэкIурэ гъуэлъыпIэрэ абы зэрыщигъуэтынур, щIымахуэ ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "asm.txt" }
Лыкъуэжь Нелли Си вагъуэ цIыкIухэр къэрабэ гъуэжьщи Дуней мыцIыхум и шэжыгъэкIэщ… ЗэрытщIэщи, IуэрыIуатэу-дыщэ пхъуантэм, пыухыкIауэ къыщыплъыхъуэм емылъытауэ, хъугъуэфIыгъуэ куэдым ущрохьэлIэ. «…Дунеижьри, ой дуней, щымыджэмыпцIэмэ, ЩIылъэ щхъуантIэри, ой дуней, щызэпцIагъащIэмэ…» псалъэхэм укъыщеджэкIэ щIы хъурейр и ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "astronomie-2.txt" }
Адыгэ Iэщэм и пщIэр зыIэта Аствацатурян Эммэ Пасэрей Iэщэр къызыфIэIуэху цIыхухэм зэхамыхыпIэ иIэкъым Аствацатурян Эммэ и цIэр. И гъащIэ псор Мэзкуу дэт Къэрал тхыдэ музейм епхауэ зыхьа бзылъхугъэр Кавказ Ищхъэрэми мызэ-мытIэу къэкIуауэ щытащ, хъыбар щхьэпэ куэди ди щIыналъэм теухуауэ къызэринэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "astvatzaturyan.txt" }
Кулиев Къайсын ЗэзыдзэкIар Бицу Анатолэщ *** ЖысIэнкъым батэр мы дунейм Щызгъэшу схьауэ, ауэ Есхакъым зэи цIыхум лей, Дэсхьакъым и жьэгу гуауэ. И махуэр, жысIэу, кIыфI щысщIынщ, - КъыхуэзмытIа зым мащэ, Хьэлэлу сэ щысшхащ мы щIым Си щIакхъуэ Iыхьэ мащIэр. ИгъащIэм щIыхь къэзмылъыхъуа. Си дежкIэ нэхъ щIыхь лъапIэт СыщIэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "balkarwsa.txt" }
Бэркъукъу и зэманым мамлюк сулътIанхэм тепщэгъуэр зэпаубыдауэ зэрыщытар Илюшинэ Миланэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, доцент, Санкт-Петербург. Бурджийхэм я тепщэгъуэр Мысырым щыIа мамлюк сулътIан къэралыгъуэ щхьэхуитым и кIэухщ. А зэманым къэралыгъуэ Iуэху зезыхьа лIыщхьэхэм я нэхъыбэр Къэфкъазым щыщхэт, псом хуэмыдэу ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "barquq.txt" }
*** Неуэ, си пыIэжь, Йосино щозгъэлъагъунщ Балийхэр гъагъэу. *** Уафэ губгъуэм щыбэщ жэнэт бзум и Iурыбжэр... щIым хуеплъэкIыххэкъым *** ГуащIащэщ бжьыхьэ жьы фийр Губгъуэм фыщыжеи Феплъ жысIэм *** ИIэ, иIэ зэ къэуши дызэдегъажьэ, хьэндырабгъуэ цIыкIу *** ЩIымахуэ дыгъэ... Мылым зэфIегъапчIэ Cи ныбжь шуур *** Гуэл щым ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "base-matcuo.txt" }
Бэстунджы жылэ ЗэзыдзэкIар Ацкъан Руслъанщ ПЭУБЛЭ 1 Кавказ хэкужьу щIым и тепщэ ткIийм Си усэр ныпхуопабгъэри аргуэру, Псэунщ ар, бгыщхьэ уэс щигъэткIуу джийм, КъритхьэщIыкIыу и гур къуршыпс уэрым. Уи дыгъэм и пщтырагъыр си лъым хэлъщ, Си псалъэр ныподжэж уи уафэхъуэпскIым. Уи натIэм итха Iэджэ си нэгу щIэлъщ, ПыщIащ у...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bastunji.txt" }
Батэрэзу нарт шу хахуэм И адэм и шы-фащэхэмкIэ зеузэд Хъыжьейуэ КъэрапцIэми ар мэшэс. Къыр щхьэцIыдзэ памцIэхэм щегъэджэгу Уэгум хегъэсыхьри ар къохыж Жыгыжь илъэсищэхэр бгъэгукIэ ехь Батэрэз и КъэрапцIэр игу ирохь. Мис Хьэрэмэ Iуащхьэм ар ныдокI КуэпкъкIэ и КъэрапцIэр ныщехул Индыл а махуэм хуеунэтI Индыл Iуфэ щхъуант...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "batraz.txt" }
Алабгъуэ – бдзэжьей, – лещ. Алэр – бдзэжьей, – карп. АлэргуакIуэ – бдзэжьей – карась. Алэрыбгъу – бдзэжьей – плотва. Алыкъ–бдзэжьей–падус. Алэху–бдзэжьей–белый амур. Аргъей - бдзэжъей - лосось БдзантIэ - бдзэжъей ин пэ пащIэ - осётр БдзакIуэ – бдзэжьей – чернопуз. БдзакIуэнэф – бдзэжьей – бычок. БдзакIуэшыр – бдзэжьей ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bdzajeihar.txt" }
Булгари Хъайдар Мухьэммэд бегъымбар (Алыхьым и нэфIыр къыщыхуэ) ЗэзыдзэкIар Жыласэ Заурбэчщ Художественнэ редакторыр Алтынов Илдарщ ГущIэгъурэ Гъэгъуныгъэрэ зиIэ Алыхьым и цIэкIэ! Къызыщывгъэхъут, тхылъеджэ лъапIэхэ, уафэм изу вагъуэхэр ису. УеплъыIуэмэ, дэтхэнэ вагъуэри тхьэIухудщ, дэтхэнэми хуэдэ щыIэкъым. АрщхьэкIэ ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "begymbarhar.txt" }
БЕМЫРЗЭ ЗУРАБ И ЭЛЕКТРОН ТХЫЛЪЫЩIЭ: «АДЫГЭ ГУРАЩЭ» («ЧЕРКЕССКАЯ МЕЧТА») «Дэ дыджэгуакIуэкъым, дысурэтыщIкъым, дыусакIуэкъым, дыжурналисткъым, дыгуащIэрыпсэукъым икIи дынэгъуэщI IэщIагъэлIкъым. Лъэпкъ цIыкIум къыхэкIахэр псом япэ зауэлIу щытын хуейщ, и лъэпкъыр псэуну зэрыхуитым махуэ къэс щIэбэну. ДжэгуакIуэ утыкуми, у...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bemirza.txt" }
Къаплъэныфэ зи фащэ лIыхъужь ЗэзыдзэкIар Бер Хьэбалэщ ПэщIэдзэ Къаруушхуэр зыбгъэдэлъу дуней нэхур зыухуам, ГъащIэр уафэм къезыхьэхыу псэ хьэпщхупщхэм хэзылъхьам, ЩIылъэр гъагъэу, зэщIэлыдэу цIыхухэм тыгъэ хуэзыщIам Къаритащ пащтыхьхэм теплъэ, ещхьу Езыр зыхуеям. Ди Тхьэу Тхьэшхуэ, уэрщ езытыр хэти теплъэ хуэфащэн, Сыт...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ber.txt" }
ЗэзыдзэкIар Къармэ Iэсиятщ Адыгэхэм я уэрэдыжь Къазбэчыщхьэ пшабэ набжьэ ЗэщIеуфэ бгъащхъуэ дамэу – Уэркъ шууейхэр бгым хуопIащIэ Я лъэужьыр лъыпс-лъэданэу. Лъагэр лъагэу, задэу задэр. ЯкIэлъос урыс нэлатыр: Пхъэрыр къоIэ шыкIэр лыпщIу. Сэшхуэр бзабзэу мэупщIатэ, Мыжурэпэм лъагъуэ ищIу Шэкъэуэжым уэр дощатэ… ЛIыгъэ зиI...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "Bestuzhev.txt" }
Зытхар: Шал Мухьэмэдщ ЗэхуэзэхукIэ зэщыгуфIыкIми, а тIум гужьгъэжь зэхуаIэт: я кум дэтт Псыхуабэ ПцIым лъакъуэ щIэткъым Политикэми хуэдэу, иджыпсту тхыдэми темыпсэлъыхьыр щхьэхынэхэм я закъуэщ. Абы щыгъуэми, пэжыр зыщIэри зыIуатэри езыхэм я закъуэу къыщагъэхъуну хущIэкъуу. Сытми я щхьэфэ йоIэбэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, ид...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "betal.txt" }
Лермонтов Михаил Исмагьил-Бей (пычыгъуэ) А псым и Iуфэм къуажэ щиухуащ Лъэпкъ пагэ и щIыналъэ кърахуам. Иджы зегъэхьэзырыр махуи жэщи, КъимыщIэу бийм теуэн мурад ищIащи. Къыхохъуэ и гужьгъэжьым махуэ къэс, Къыкъуэувэну хъуар къызэхуешэс. Адыгэпщ ерууэ Рослъэмбэч ЛIыгъэкIи акъылкIи бийм йофIэкI, И щIыр хуит урысхэм яхуи...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bey.txt" }
ЛIэщIыгъуэхэм я макъ Зы лъэпкъи дунейм тету къыщIэкIынкъым и лъахэ тхыдэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха тхыгъэ къызыщIэна усакIуэшхуэ, тхакIуэшхуэ зимыIэ. Гомер, Данте, Пушкин, Шекспир, Бальзак, Гарсиа Лоркэ, Шандор Петефи, Тарас Шевченкэ, Уолт Уитмен… Къэзылъхуа лъэпкъхэм я мызакъуэу, цIыхуу щыIэм фIыуэ ялъагъу а тхакIуэшху...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bgh.txt" }
Битокъу Владимир и «Псы куухэр» фильмым теухуауэ Сочи къалэм мэкъуауэгъуэм щекIуэкIа 29-нэ «Кинотавр» Урысей кинофестивалым «Дебют нэхъыфI дыдэр» унэтIыныгъэм саугъэт нэхъыщхьэр щыхуагъэфэщащ Горчилин Александр и «Кислота» фильмымрэ Битокъу Владимир и «Псы куухэр» («Глубокие реки») жыхуиIэмрэ. АдыгэбзэкIэ траха теплъэг...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bitikov.txt" }
Адыгэбзэм и къару мыгъэунэхуа ИлъэсипщI ипэкIэ, 2011 гъэм шыщхьэуIум и 22-м, япэу интернет губгъуэм ихьауэ щытащ «Адыгэбзэм и къару» зыфIэтща щIэныгъэ хэщIапIэр (adygabza.ru). А япэ лъэбакъуэр щытчам мурад нэхъыщхьэу диIар дунейпсо щэнхабзэм игъэфIа тхыгъэ цIэрыIуэхэмрэ щIэныгъэмрэ ди анэдэлъхубзэмкIэ къэдгъэпсэлъэнырт...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bitoqmarina.txt" }
ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ *** СеплъыхукIэ стIолым тет уэ уи сурэтым, Уэ къолъытауэ сфIэщIырти Iуэху жьгъей. Хахуагъэм, лIыгъэм, щIыхьым я гъерэтыр Щысщыгъупщэжырт сэ мы щIыгу нэщхъейм. АрщхьэкIэ уэ убгынэжащ си унэр. Сэ уи Iэлъыныр жэщым хэздзэжащ. НэгъуэщI уэ къыхэпхат удэпсэунуи Уи нэкIу дахащэр сэ сщыгъупщэжащ. ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "blok.txt" }
Гум зипIубэжын Сыт ягъэ кIын, бэяу зытIэкIу, зыкъащIэ си гукъеуэ, Узыхуейр арати, мис, къыпхуоблагъэ жэщри, КIыфIым и тепхъуэ фIыцIэр, щыхьэрым фэуэ хеуэ, Хэт гукъеуэ къыхузэдехь, хэти егъэнэдж и гур. Еууей, мы цIыхухэр, мы зэщIэвэ гурымыхьыр ЗэIэпышэм; а укъызэмыл щхьэпылъакIуэм И баш текъузэкIэрэ, макIуэхэри гуауэ щы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bodler.txt" }
ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ Альбатрос Тенджыз гъунэншэм щес губампIэм ихь матросхэм Къахуохуэр къыщаубыд Iуэхуншэ щыхъум деж Кхъухь къэскIэ я гъуэгуэгъу бзу пIащэ альбатросхэр АбыкIэ ягъуэтын яфIэфIу гукъыдэж. Кхъухь палубэ къэплъам къытехута нэужькIэ, Бзу уардэ уафэ псом и тепщэу щытыгъар ЗыщIахэм Iэрубыд зебыршэу к...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bodlerus.txt" }
ЗэзыдзэкIахэр Хъуажь Мухьэмэд-Хъер, Болий Мустафар, Нало Заур сымэщ Ебгъуанэ Iыхьэ (Ебгъуанэ жуз) 88. Абы и лъэпкъым щыщ лIэкъуэлIэш зызыгъэинхэм жаIащ: «Уэ Шухьиб! Уэри, Iиман къэзыхьа уи гъусэхэри е ди диным фыкъихьэжынщ е ди къуажэм фыдэтхунщ». Абы яжриIащ: «Дыхуэмеймэ щэ? 89. Дэ Алыхьым абы дыщихъума нэужь, фи дины...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "botanik.txt" }
Хьэкъун Барэсбий Адыгэ мэкъумэш, ботаникэ, зоологие щэнхабзэмрэ нарт хъыбарыжьхэмрэ Адыгэхэр къызытехъукIыжа мэуэтхэмрэ синдхэмрэ я щIэинхэм бейуэ зэрыхэтлъагъуэм хуэдэу, нарт хъыбарыжьхэми гъунэншэу дыщрохьэлIэ мэкъумэш, ботаникэ, зоологие, экологие щэнхабзэм. Сэ зыкъызощтэжри, а тIум апхуэдизкIэ зэхуэдэ, зэщхь куэдым...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "botanika.txt" }
Дидонэрэ Энейрэ ЦIыхушхуэр щхьэгъубжэнэм дэплъу щытт. ЦIыхубзым и дунейр-тIэ Тенджыз умэзэха нэхъей, Iуву зэхэуэ Абы и алыдж щIакIуэ быхъум и кIэкъуащIэм и деж щиухт. Ауэ модрейр щхьэгъубжэм зэрыдэплът. Ар здэплъэр иджыпсту Мы щIыпIэм апхуэдизкIэ ежыжьэкIти Ву макъ зыхъумэ блащхьэм ещхьт и Iупэр, Iэгубжьэм ит щIэплъыпI...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "brodski.txt" }
ЗэзыдзэкIар Къардэн Б. М. Бэлэ Сэ гутедзэкIэ Тифлис сыкъикIыжырт. Си гум хьэлъэу илъыр зэрыхъур зы шумэдан цIыкIут, - абыи и зэхуэдитIыр Грузием теухуауэ тха гъуэгу тхыгъэхэмкIэ кудауэ. Абыхэм я нэхъыбэр, фи насыпти, кIуэдащ, ауэ шумэданыр, адрей хьэпшыпхэр щIыгъуу, си насыпти, хэмыкIуэдыкIIауэ къэнащ. Бгы гуэрэныщхьэх...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bubakardan.txt" }
Си анэ и нэмэзхэр Си анэ нэмэзым тетщ махуэм дахэу тхуэ, Дигухэр егъэнэдж абы дэтлъагъу гупсэхугъуэм. Нэху къохъу дигухэр, ди лэгъунэхэр Абы и нэгу гъэлъапIам къырих нурымкIэ. И IэлъэщI хужьым и нэхум докIуэд гухэщIхэр, ЩыIэныгъэм и щэхур къиумыс къыпщохъу азэн къэс, И щыгъэ Iэпэщабэм, шыIэныгъэр къыщолъагъугъуафIэ, Шы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bulent.txt" }
ГЪУКIЭМЫХЪУ Iэбубэчыр 1968 Iэрыхуэу къащти, шэрыуэу Iуатэ Адыгэбзэм дахагъэу, гуапагъэу, IэфIыгъэу хэлъыр къызыгурымыIуэм ар бзэ пхъашэу, бзэ мышытIэу, мышэрыуэу къыфIощI. Ауэ ар пэжкъым. Адыгэбзэр фIыуэ пщIэмэ, абы кърумыIуэтэфын гупсыси гурыщIи щыIэкъым... Сигу къокIыж Армавир дэс адыгэ ермэлыхэм ящыщ си ныбжьэгъу щI...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bz-schi-nyg-2.txt" }
Брат Хьэсин Къуалэбзухэм я адыгэ фIэщыгъэхэр Адэжынэ. Куропатка. Perdix. 1. Серая куропатка. – PerdixperdixL. (33); - Серая куропатка кавказская горная. - Perdix perdix canescens B. (49) - Серая куропатка равнинная. - Perdix perdixlucida Altum (49). Кавказым лIэужьыгъуэм и щIыпIэ теплъэгъуитIым уащыпэщIохуэ. (49) Адэжы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "bzuhar.txt" }
Пщы Нэнау и псысэ ЗэзыдзэкIар Нало Заурщ Сэ илъэсих сыхъуа къудейуэ «Хъыбар пэжхэр» жыхуиIэ тхылъым - ар зытепсэлъыхьыр цIыхулъэ здынэмыса мэзыжьхэрат – зы сурэт гъэщIэгъуэн къыщызгъуэтащ. А сурэтым итт блэ абрагъуэм - ЦIахуэ жыхуаIэм - хьэкIэкхъуэкIэ гуэр зыIурилъафэу. Мис мыпхуэдэт ар: Тхылъым итт: "ЦIахуэм къыпэщIэх...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "cbfh.txt" }
Шэрджэс ЗэзыдзэкIар Уэрэзей Афликщ (пычыгъуэ) Дыгъэри ебэкъуэжакIэу къурш тхышэм, Ди гъуэгум пытщэжащ псалъэмакъыншэу. ПшэкIэплъ къытегъуэлъхьар ди гъуэгум, Гъуабжэ-фIыцIафэ щIэхъукIыжт ди лъэгум. И сыхъэ къабзэм зыкъыуигъащIэу, КIыфIыр щигъуэлъыкIырт ауз лъащIэм. А сыхъэ къабзэм ирибауэу, Вагъуэхэм ялъэIэсыну хуейуэ, ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "cheh.txt" }
Тхэн щIэзыдзагъащIэхэр зыхуэсакъыпхъэ хабзэхэр Дэтхэнэ нану къалъхугъащIэри зыхуей хуэзауэ ягъэпскIыу ипэрей уIэбжьыгъуэр щхьэщыкIыху тIэкIу зрагъэгъэпсэхуа нэужь, мы псалъэхэр жраIэурэ фIыуэ яубэрэжьын хуейщ: «Умытхэ! Умытхэ! ТхакIуэ умыхъу!» Апхуэдэу зэпыфлъэщIыхьа нэужькIи а нанур иджыри тхэныгуу къанэ хъужыкъуэмэ, ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "chekhov-anton.txt" }
Сейахатнамэ Дунейпсо тхыдэм щыцIэрыIуэ зыплъыхьакIуэ, тхакIуэ Челеби Эвлия 1611 гъэм гъатхэпэм и 25-м Истамбыл къыщалъхуащ. Абы и адэ Мэхьмэт Зилли Деруиш, Сулеймэн Телъыджэм и лъэхъэнэм уэсмэнокъуэ сэрейм дыщэкIыу щылэжьауэ ятхыж. И анэр садзны абхъаз лъэпкъым щыщ бзылъхугъэт. Эвлия Хьэмид-ефэнды щихъышхуэм и цIэр зез...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "chelebi.txt" }
Е ди Тхьэ! Сызыкъуэлъэдэж бгы лъагэ! Къалъхун-лIэжыным укъезыгъэл хущхъуэхэм я нэхъыфI, Уи закъуэщ си Анэм къеузыр зыхуэгъэхъужынур. Уэ ди Тхьэу лIэныгъэр зыгъэлIэф закъуэ! Дахащэу Уи IэбэкIэм и Iэужь ГъащIэ къызэзытам игу махэм тебгъапсэрэ ЛIэныгъэм къыIэщIэпхтэмэ, Уи лъэтхьэмпэхэм си псэр несхьэлIэжынти! Сыт зищIысыр...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "dgfy.txt" }
«ДыгъафIэ къалэм» щеджэ еджакIуэхэм я тхыгъэхэр «Илъэс тIощIитI хуэдэ дэкIмэ, фэ фхуэдэ еджакIуэ цIыкIухэм иджыпсту дызэрыт зэманым теухуауэ сыт яжефIэжынт?» А упщIэм и жэуапу еджакIуэхэм ятхахэм щыщ фи пащхьэ ныдолъхьэ. ЕгъэджакIуэр Щоджэн Аминатщ. КъызэрыгуэкI ныбжьыщIэм и IэдакъэщIэкI Сэлам узох, си ныбжьэгъущIэ! Си...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "digafaqala.txt" }
Усэ зэхьэзэхуэ… Ари, дин усэ зэхьэзэхуэу… Мы щIыналъэм къыщымыхъуау ара? Хьэмэрэ сэ зэхэзмыхау ара? Зэхэдмыхамэ, зэхэтхын хуэдэу къыщыхъуауэ щытын хуеящ; нэхъыкIэжыр жытIэнщи, апхуэдэ къыщымыхъуамэ, мызэу мытIэу къыщыхъуау щытын хуеящи иджыри къэс апхуэдэ ди щIыналъэ къызэрыщымыхъуар ди емыкIущ. Ар щыдиемыкIукIэ мы ди ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "din.txt" }
Къанщауэ Гъур и Арэпыбзэ Дийуан Тыркум Селчук Iуниверситетым Iэдэб (литератур) факултетым щалэжьа лэжьыгъэ гуэр къыт’Iэрыхьащ. Лэжьыгъэр зылэжьахэр Дцн. Дкт. Орхан Явуз’рэ Дцн. Дкт. Махмуд Кафэс’рэщ. Лэжьыгъэр зытеухуар жыпIэмэ, ар икъучIэ гъэщIэгъуэнщ. Лэжьыгъэр зытеухуар Египэт (Мысыр) Адыгэ Мамлук Пащтыхь Къанщау Гъ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "divankansau.txt" }
Дубровин Николай Урысхэр Къэфкъазым зэрыщызэуамрэ тепщэ зэрыщыхъуамрэ Санкт-Петербург, 1871 гъэ 1871 – 1888 гъэхэм Урысей тепщэгъуэм и тхыдэтх, генерал-майор Дубровин Николай и IэдакъэщIэкIыу тхылъ зыбжанэу дунейм къытехьат «Урысхэр Къэфкъазым зэрыщызэуамрэ тепщэ зэрыщыхъуамрэ» лэжьыгъэшхуэр. Пащтыхьыгъуэм и Iуэху еплъ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "dubrovin.txt" }
Гарсиа Лоркэ Федерикэ БЗЭПСНЫБЭ /ГИТАРА/ И гъы макъ кърекIут бзэпсныбэм. Нэхущ уафэр къызэтощащэ. И гъы макъ кърекIут бзэпсныбэм! Шэху хъужынукъым ар игъащIэм! Сыт уелъэIукIэ зиущэхуну - ПцIыщ. Ар магъыр мыудэIужу, И гъымакъыр псынэпс уэзджынэу, Уэсым хэгъэ нэбэнэушу. УемылъэIут зиущэхуну! Магъ апхуэдэу - пщыхьэщхьэ ды...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "duneinagu.txt" }
Гу лъумытэнкIэ Iэмал имыIэу иужьрей илъэсхэм Адыгэш лъэпкъым и пщIэм Урысейми хамэ къэралхэми щыхэхъуащ. Ар и фIыгъэщ а шы лъэпкъым езым и хэкум гулъытэ куу зэрыщыхуащIми, къэрал унафэщIхэм шы зезыхуэхэм я лэжьыгъэм зэрызэщIагъакъуэми, шы лъэпкъыр егъэфIэкIуэным елэжьу къэралымрэ республикэмрэ ит щIэныгъэрылажьэ инстит...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "duneir.txt" }
Эдилс-Эхнатон – адыгэ лъэпкъым и лIыкIуэ 2013 гъэм Германием, Нюрнберг къалэм, шы лъэпкъыфIхэр щыщагъэлъэгъуам Краузер Штеффи тесу адрейхэм къыхагъэщхьэхукIа адыгэшым и цIэр Эдилс-Эхнатонщ. Интернет сайт щхьэхуэ зыхухаха а шым и хъыбарыр къеIуатэ Груссельберг къалэм «Шагъдий» журналыр къыщыдэзыгъэкI, «Адыгэшыр фIыуэ зы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ekhnaton.txt" }
Никитин Н., Поляк Г.Б., Володина Л.Н. Арифметическэ задачэхэмрэ упражнениехэмрэ зэрыт тхылъ (пычыгъуэ) ПэщIэдзэ школым и е 3-нэ классым папщIэ. Къэбэрдей государственнэ тхылъ тедзапIэ, Налшык, 1952 Еянэ къыдэкIыгъуэр зэзыдзэкIар Иуан Пакъэ Дамыгъэ куэд хъу бжыгъэхэмкIэ гъэбагъуэныгъэ 100-кIэ гъэбагъунэныгъэ Зы бжыгъэ г...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "es-p.txt" }
Нэхэр Зыри къыщIэмын, ауэ КъыщIон блэкIам нитI къудейр. МалIэ дэнэ идежри, дауэ Къанэрэ а нитI къудейр? Вагъуэ зырыз щохъури ЩоупIэрапIэ уафэгум, Диижауэ щылъ нэкIум Къыхэплъурэ IукIа нэхэр. 1928 Iуащхьэхэм уэрэд щыжыIэ Зы баши зыIэщIэлъхьэи, моуэ Iуащхьэхэм ныдэкI жызоIэ. Щыхьэрышхуэр къыренэ хуейм ТхылъымпIэкIэ ящIа ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "fazil.txt" }
КъурIэным щымыщу Мухьэммэд Бегъымбарым и жыIэгъэхэр Ущызгъэгъуазэ Толстой Лев и IэдэкъэщIэчI мы тхыгъэхэм ущеджэчIэ гу лъызытэм лъитэу, лъызмытэми лъитэн хуейуэ щыт Iуэхугъуэхэм щыщу къытхуэлъагъухэр, тхыгъэм и зэкIэлъыкIуэчIэм тетурэ къыхэдгъэщмэ, тхыгъэм еджэныр нэхъ узыншэ хъунущ. Псом япэрауэ тхакIуэ цIэрыIуэм итхы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "fga.txt" }
Хьэжы-Мурат ЗэзыдзэкIар Мэзыхьэ Борисщ Губгъуэ зэпыупщIурэ унэм сыкъэкIуэжырт. Гъэмахуэ курыкупсэт мэкъу еуэн яухарэ хьэпцIийр Iухыжыным нобэ-пщэдей щIадзэн хуейуэ. Зэрыт и лъэхъэнэм зэрыхуэфэщэнкIэ гъэгъа удз телъыджэхэр гъэм плъыфабэу зэхуихьэсат: плъыжьу, хужьу, гъуатIэу зэхэлъ Iэпищ щабэхэр, шэм хуэдэу хужьрэ зи ку...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "fjgk.txt" }
Адэ-анэхэм папщIэ Монтессори Мария и чэнджэщ пщыкIубгъу ЗэзыдзэкIар Кърымщокъал Маринэщ Итальянкэ Мария Монтессори етIощIанэ лIэщIыгъуэм и педагогикэм хэлъхьэныгъэшхуэхэр хуищIауэ щытащ. И къэралым и тхыдэм япэ дохутыр цIыхубзу хэувэри, и гъащIэ псор сабийхэм яхуэлэжьэным триухуащ. Абы къызэригъэпэщащ сабийхэр сыт и лъ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "gasan.txt" }
Гамзатов Расул ЗэзыдзэкIар Бемырзэ Мухьэдинщ Уэ ухьэщIэм Уэ ухьэщIэм – сэ сыуибысымщ, Къысхуеблагъи унэм, узгъэфIэнщ, Гъуэгум уэ ущыхуэлIамэ псы, Къуршыпс щIыIэ къабзэ уезгъэфэнщ. Сыппежьэнщ, жэщ кIыфIыр къэблэгъам, Уи джэ макъыр зэхэзгъэх къудей. Мы си щIакхъуэр, фадэр, удз гъэгъар, Щыбгъуэтынщ си унэм узыхуейр. ЩIыIэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "geografie.txt" }
Геометрием епха фIэщыгъэцIэхэр ПэщIэдзэ еджапIэм дызэрыщеджар адыгэбзэщ. А бзэращ дунейм дызэрыхагъэгъуэзари, япэ щIэныгъэр къызэрыдбгъэдалъхьари. Унэми уэрамми я анэдэлъхубзэкIэ фIэкIа нэгъуэщIыбзэкIэ щымыпсалъэу къекIуэкIауэ еджапIэм зэрыкIуэу дунейр хамэбзэкIэ зырагъэцIыхуахэм къащхьэщыкIыу гупщысэкIэкIи дунейхэгъуэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "geometriya.txt" }
«Гете сыкъыщеджэкIэ си гупсысэхэм жыджэру лэжьэн щIадзэ...» -иритхэгъащ Толстой Лев и дневникым 1863 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м. Урыс тхакIуэшхуэм а псалъэхэмкIэ къиIуэтащ Гете и тхыгъэхэм еджэ дэтхэнэ зыми и гупсысэ. Нэмыцэ усакIуэ, гупсысакIуэ, къэхутакIуэ Гете Иоганн Вольфганг 1749 гъэм шыщхьэIум и 28-м къалъхуащ. Гер...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "gete-iogann-volfang.txt" }
АдыгабзэкIэ зэзыдзэкIыгъэр Емыжэ МулиIэт (пычыгъуэ) СэукIа, сэмыукIа? – джары упчIэр. Жъалымэу къыбдэпсэурэм сыд епшIэщт? КъыуишIэрэм уезэгъэу ущысыщта? Упэуцуны зафэу утекIощта? Е улIэмэ нахьышIуа? – УигухэкIи, Уиузи, бзаджи зэкIэ пщыгъупшэщтых. Ар тхъагъоба, узгъэгумэкIрэр зэкIэ ЛIэныгъэ чъыем пщигъэгъупшэжьыщтых! Оп...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ghamlet.txt" }
ЗэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ Тэрч адрыщIкIэ быдапIэм сыдэст абы щыгъуэ - илъэситхум нэсащ ар къызэрыхъурэ. Зэгуэрым, бжьыхьэ хъуауэ, гъуэмылэ къытхуашащ. Гъуэмылашэм зы офицер щIалэ ящIыгъут, илъэс тIощIрэ тхурэ и ныбжьынкъэ жыпIэу. Зэрыхабзэти, къакIуэри щIалэм къызжиIащ си деж, быдапIэм, къулыкъу щищIэн хуейуэ и пщ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ghgjf.txt" }
Сент-Сиррэ Иерусалимрэ гукъэкIыжхэр Париж, 1868 гъ. ДинкIэ зэрызэтехуэм щыгугъыу, Тыркум зи щхьэ къэзыхьэсыну къежьа адыгэ гуп къызэрагъэIэпхъуэм и хъыбар зэхыдох, Кипрым дыкъызэрыкIуэрэ. А къэIэпхъуэхэр цIыху цIыкIум псэупIэ езымыт хьэщхьэрыIуэхэу жаIэ. Караман и Iуфэм щепсыха ящыщ зы гупым апхуэдизкIэ хэкурысхэр яхъу...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "gjhkhlyo.txt" }
Диканькэ пэгъунэгъу хуторым и пщыхьэщхьэхэр ЗэзыдзэкIар Жаным Б.И.,1957 гъэ (пычыгъуэ) … Иджы деплъынщ зи закъуэу унэм къыщIэна хъыджэбз дахэм ищIэм. Оксанэ илъэс пщыкIубли ирикъуатэкъым, итIани, дуней псоми жыхуаIэм хуэдэу, Диканькэ и адрыщIми Диканькэ и мыдрыщIми псалъэуи гулъытэуи щыIэр абы и Iуэхут. ЩIалэхэм псоми ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "gogol-nikolay.txt" }
Одиссей и сагъындакъыр (пычыгъуэ) Тудоровскэ T. прозэу итхыжар Медалий Ф.Э. адыгэбзэкIэ зэридзэкIауэ, Налшык, 1959 гъэ Ефэ-ешхэр зэхаублэжащ. ИтIанэ Одиссей ину псэлъэн щIидзащ: - ФыкъызэдаIуэ, Пенелопэ и псэлъыхъу хьэлэлхэ! – жиIащ абы. – Хуит сыфщI сагъындакъ хьэлэмэтым и къур къэзгъэшыфмэ сеплъыну. Сыхуейт сщIэну: к...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "gomer.txt" }
Мывэ Дуухэр 1 Мывэ Дуухэм ящIэххэкъым, Фатопсалъэхь мувыIэу. Я IэмыщIэм щиублэу, щиухыр Иныгъэщ, иныгъэ защIэ… ИтIанэ щыгъупщэжыныгъэщ, и къиун-загъэжыныр, и лыдын-ункIыфIыныр хым, Дыгъэхэм, лъыфэ хъужу… 2 ГуфIэным и узыр зэхащIэкъым ахэм, Хьэмэрэ бащхъуэ хъуным ейр. КIыфIым къыхэнэкIэ МафIэ ящIкъым ахэм. Сыту жыпIэмэ,...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "guillevij.txt" }
Маршак Самуил Мистер Твистер ЗэзыдзэкIар ЛIуп Аслъэнбэчщ 1 Хамэ къэралым Зи нэгу зезгъэужьхэм, Кук и Iуэхутхьэбзэ – Тхьэ фыкъыфIэщIу – Ахъшэ ефтамэ, ФхуигъэзэщIэнущ. ЩIым и дахагъэр Фигъэлъагъунущ: Къали псыкъелъи, КъыбжиIэу уэрэд, «Фыкъытхуеблагъэ, ФыкIуэнум жэнэт!» Кук напIэзыпIэм ФыригъэтIысхьэнущ Кхъухь е кхъухьлъа...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "gumilev-nikolay.txt" }
АДЫГЭ ХАБЗЭР АУЭ ЗЭРАХЬЭТЭКЪЫМ Тэгъулан Екъуб Илъэс 15 хуэдиз ипэт Ди къуажэ зыгуэр дунейм ехыжати нэщхъеягъуэр зей унагъуэм дей цIыхухэр къекIуалIэт. Дэри зы гуп дыхъуу бжэIупэм дей дызфIэтт, жэназы нэмэзым дежьэу. Абы хэту, пщIантIэм зыгу къыдэхьэри, ди къуажэм щыщу, ауэ къуажэм дэмысыжу зы лIыжь гуэрэ гум къикIащ. Л...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "habar.txt" }
Хъэлифэхэм ящыщ гуэрым Мыщр (Египет) усакIуэхэр иригъэблэгъат. Зы щIалэжь, и дамэм кхъуэщын кумбыгъэ тету, псы къригъэхъуэну кIуэрэ пэт, мо усакIуэ гупым яхуозэ. Захегъэпшахъуэри, я гъусэу макIуэ. Къеблэгъахэр хъэлифэм егъэлеяуэ къигъэхьэщIэу здэщысхэм, мо лIы щыгъыныджэ бэлэбанэу кхъуэщын кумбыгъэ зыIыгъым тохуэ и нэр...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "habarmisr.txt" }
Хьэдис плIыщI Тхылъыр къабыл ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэр дин IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэм я советым ЗэзыдзэкIар: Тхьэкъуахъуэ Iэуес Къэрэлбий и къуэ Япэ хьэдис МуIминхэм я унэфэщI Iэбу Хьэфщ Гьумар Iибнуль ХъэтIтIаб Алыхьыр арэзы зыхуэхъуным жиIащ: зэхэсхащ Алыхьым и лIыкIуэм Алыхьым и хъуэхъумрэ и сэламымрэ зылъысыным жи...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hadisplish.txt" }
Абрэдж хьэжы ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ Инщ Джэмэт жылэр, хуэкъулейщ, Абы зым и бжьыр темызагъэ. И мывэ блыным къегъэлъей, Зыгуэр и мылъкум къехъуэпсамэ. И бын щхьэхуитхэр шабзэм ещхьщ, ЗауапIэ губгъуэрщ я мэжджытыр. Я хъыбар хахуэр жьыбгъэм ехь. Хэт зыщIэр ахэм къапэщытыр. Я фочыр пащI абыхэм гущэм. БлэкIынкъым я шэр ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "haji.txt" }
ЗЭЗЫДЗЭКIАР ХЬЭМЫЗ РУСЛАНЩ ОНЕГИН ЕВГЕНИЙ Пэублэ псалъэ Тезгъэуркъым я зэш жылагъуэм, Нэхъ пагэм е хэгъэфIыкIам; Ныбжьэгъу, мы си шэсыпIэр плъагъум, Сыхуейт, пхуэфащэу къыщIэкIам. Хуэфащэу хэти, зи псэр дахэм, ЩIыхь пылъу гугъэ гъэзэщIам, Псэ Iуту, нэхуу яусахэм, Гупсысэр лъагэу, тыншу щIам. Хэт укъыдэщIми, къаугъэншэу...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hamizruslan.txt" }
Берестов Валентин ЗэзыдзэкIар Хьэндэхъу Ашэмэзщ Мылгъурыджэ УмыкIуэф, умыжэф, Мылгъурыджэщ щIыри. Ауэ дэгъуэу уоджэлэф! ЩIэмыгуфIэр сыт-тIэ зыри?
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hanadahuashamaz.txt" }
Барто Агния ЗэзыдзэкIар ХьэпащIэ Мартинщ ТхьэкIумэкIыхь ТхьэкIумэкIыхьыр зейм хыфIидзащ. ТхьэмыщкIэ цIыкIур уэшхым къыхэнащ. ТетIысхьэпIэм къемыхыф. Зэрыщыту хъуащ ар псыф.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hapashamartin.txt" }
Хьэрып IуэрыIуатэ ЗэзыдзэкIар ТекIужь Заретэщ ТхьэмыщкIэмрэ насыпымрэ Зы пщыхьэщхьэ гуэрым тхьэмыщкIэр и унэм кIуэжт. И насыпым хуэхъущIэурэ, ар хуабжьу тхьэусыхэт: - Насып… Дэнэ ар здэщыIэр, насыпыр? Зэпыту укIуэ а насыпыр! Насыпыр къыкIэлъыджэну гъащIэр хуейти и тхьэусыхафэмрэ гыбзафэмрэ едэIуэну къэкIуащ. ТхьэмыщкIэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hariporiwat.txt" }
ЮСЕФ АС-СИБАИ ФИТIНЭ ЛЪАПСЭ ЗэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ (Романым щыщ пычыгъуэхэр) «Псэ хущхъуэ сощэ. ЩIыхуэущ зэрысщэр. Хущхъуэр сэбэп къыфхуэмыхъумэ, и уасэр къыфIысхынукъым». Сыт гъэщIэгъуэн! Къытщыдыхьэшхын щхьэкIэ газетым апхуэдэ хъыбар щIитрадзар? ЖаIэуи яIуатэуи зэхэсхакъым апхуэдэ хьэдыгъуэдахэ! Си нэм сыщIоI...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "haripthaqo.txt" }
«Хьэтхэм» узрагъэгупсысыр Тхьэмахуэ зыбжанэкIэ ди щIэджыкIакIуэхэмрэ дэрэ Iэмал диIащ «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэ, тхакIуэ Фырэ - Къаныкъуэ Анфисэ и роман дыкъеджэну. Тхыдэм зыхуэзыгъазэ тхакIуэ мымащIэ диIэ пэтми, адыгэхэр къызытепщIыкIауэ ялъытэ хьэтхэр лъэпкъ литературэм и дунейм зэкIэ щытлъэгъуакъым. «Ди бзэр мэкIу...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hathar.txt" }
Хьэтхэмрэ адыгэхэмрэ Къэрмокъуэ Хьэмид Хама къалэм и бэзэрыр мывэ сэрейкIэ къэщIыхьащ. Абы зы мывэ пхъэбгъу хэлъащ. Мывэ пхъэбгъум и щIыфэм тхыпхъэщIыпхъэ хьэлэмэтхэр телъти, арагъэнт ар хьэрыпхэм Тхьэм и пащхьэм къикIауэ къыщIалъытэр. Зыми ищIэтэкъым ар къыздикIари тхыпхъэщIыпхъэ тезыдзари; хами трагъаплъэтэкъым, езы ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hatthar.txt" }
Кавказ повесть ЗэзыдзэкIар УЭРЭЗЕЙ Афликщ. ЩIэдзапIэ Сытым хуэдэу сыхуейт сэ, си дахэ, Мы дуней фэрыщI защIэм ухэсхыу, ЩIыпIэ жыжьэм ущезгъэпсу дыгъэу, УщызгъэфIэн усакIуэ лъагъуныгъэм… УигъэгуфIэнт, сабийуэ, си пшыналъэм, Дэрэжэгъуэм игъэжану уи лъэр, Уи щхьэр къебгъэщIынти щабэу си бгъэм, УщIэжеикIынт си лъагъуныгъэм...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hetagurov.txt" }
ЗэзыдзэкIар Ацкъан Русланщ I Жин фIыцIэ и псэм хуимытыжу, Уэгу лъащIэр Демон къилъэтыхьт. Зыр зым тегуплIэу гукъэкIыжхэр Абы и гущIэм къизэрыхьт. Зэгуэр щытат ар мелыIычу, Псэ къабзэ иIэу, хъийм имыкIыу. Абы жэнэтыр и псэупIэт, КъыжраIэрт вагъуэхэм я щэху. Къихьамэ уэгум гухэлъ щыпэ, И гъуэгур псэкIэ къигъэнэхут. Ар къ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "hkj.txt" }
Зым хуэмыфI хьэдрыхэ кIуэкъым Сыту жьгъей дыщIэныкъуакъуэр! ДизыгъэкIуэтри сыту ин! Гъуэгу хуит пхызыш а къару лъэщым ЗыпэщIэдмысэу зедгъэхьамэ, Абрагъуэу дыздиузэщIынт. ЗырикIщ зыIэрыдгъэхьэфахэр, КъыдэхъулIахэм дагъэпуд; Ямылъэгъуам, къызэрымыкIуэм «ЗекIуэлI» дэ тхуэдэм фIимыщынт. Рильке Райнер Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыж...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "huapsa.txt" }
Итырыгъу[1] Зэманыжьым, адэ пасэу, псэм и хъупIэр щызэпцIам; ЩIымрэ-щIымрэ зэджэбауэу, бгыжьхэр тхыцIэ щыхуэхъуам; Толъкъун бланэм къыпиху жьыбгъэм щIибл и уафэр щилъэщIам; Жылэ хъупхъэ курылъ цIыкIуу Тхьэм и нэфIым сигъэфIат. Жьы пщтыр хуитым сырикхъапIэу, щIым и бынжэм сырихьау, IуащхьэшхуитIым и быдзышэу, псынэпс мы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "huseyn.txt" }
Пэжым сурэт куэд иIэщ, аращи зэманым къезэгъыр къыхэх - дунейри шынагъуэншэу къигъанэу, уи иманри къихъумэу. Ауэ зэманыр «уи фIэщ хъум шынагъуэншэу утетын» жыхуиIэ хабзэм зэрыпхуегъэзэгъын зы Iэмали щымыIэмэ, уэ езыр хэдэ: е пэжыр утыку къощIри ухокIуадэ, е, ухуеймэ, уэри уи щхьэкIэ зогъэпщкIу, уи фIэщхъуныгъэри уобзыщ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "Ibnarabi.txt" }
Арати Гури псэри уипсэупIэщ арати… Гури псэри хьэбэсабэщ арати… Акъылым ущхьэдэзгъэх лъэхъур зэщIэбгъэхъаери Сэ акъыл хуэмеижхэм ящыщ сыпщIащ арати. Гу хуэщIыныгъэ зэмыблэжым нэIуасэ сыхуэпщIауэ, Акъылым и зэгъэзахуэхэм сыхуэхейщ арати. Зым имыщIыс хьэдзэу мо щIым хэлъа сэ Щэрэ мину сызэрыпхащ арати. Жылэ закъуэм хьэсэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ibrahim.txt" }
Ибукэ Масару Илъэсищ ирикъуамэ - гуващ ЦIыкIухэр сабий садым гъэсэн щыщIэбдзэныр кIасэIуэщ Хэти ищIэж къыщIэкIынщ школым щыщIэсым щыгъуэ, я классым псоми япэ ищыныр зыкIи къызытемыхьэлъэ, адрейхэм къахэжаныкI еджакIуэ зэрыщIэсар. Апхуэдэ дыдэу гупым яхэст сыт хуэдизу емыIэми, «емыджэфхэм» къахэмыкIыф еджакIуи. Сэ школы...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "ibuka.txt" }
Инал нэхърэ нэхъ губзыгъэ къахэкIакъым 2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25 Леон къалэм «Европэм и Кубокым» щхьэкIэ щызэпрагъэуа шы хэплъыхьахэм япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ Деберт Джули зытеса къэбэрдеиш Инал. Инал дунейм къыщытехьар Словакиеращ. Адыгэш зезыхуэхэмрэ фIыуэ зылъагъухэмрэ и зэгухьэныгъэу Словакиемрэ Чехиемрэ щыIэм...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "inal.txt" }
1 Сыт тэмакъкIыхьхэм Iэщэ зэращIынур? Сыт тэмакъкIэщIхэм бий къыщIалъыхъуэр? Благъэ зиIэр блэм щыремышынэ. ЩIэныгъэ лъагэм теIэбар мылъку хуэныкъуэж? ЩэныфIэм сыт дыщэхэкIкIэ зыщIигъэщIэращIэр? Зыгуэрым хуэIэзэмэ, сыт къулыкъу зэрищIынур? 2 ЩэныфIэм акъылыншэ теIукIащ; цIыху зэтетым - къызэфIэщIыжа; пэжым – нэпсей; хах...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "indey.txt" }
Азэн Зы жэщ гуэр, нэхуыщ вагъуэр еупщIащ адрей вагъуэхэм: - Зыми флъэгъуакъэ ныжэбэ цIыху цIыкIур къэушау, мыжейуэ? Вагъуэшхуэм жэуап къитащ: - Iущыгъэ инщ Тхьэ ухыгъэр ЗэIыщIакIуэ цIыкIуу а цIыху цIыкIур жеймэ нэхъыфIынкIэ хъунущ. Вагъуэкъаныр къэпсалъэри: - ЖыфIэн нэгъуэщI къэнакъэ, уа! Езыр жэщым хуэджэдынэу, хьэпIа...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "iqbal.txt" }
Адыгэпщ ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил Лермонтовым и «Исмэхьил-бей» поэмэм къызэрыхэщымрэ тхыдэм къызэрыхэнамрэ И сабиигъуэ насыпыфIэр Адыгэм и гум щыщIеупскIэ, И нэпсхэр имубыдыжыфу, ПлъапIэ иIахэм щегупсыскIэ. ГубампIэр пIалъэкIэ мэункIыфI, ГурыщIэ хьэлъэу Iуимыхуф ФIэщIахэр хуэмурэ щхьэщокI, И нэгум нэхур щызэблокI. И гур...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "Ismagil.txt" }
Къазхэр Мыжьыкъым, чышхуэ иIыгъыу, Къазхэр къалэм щищэну ихут Хъушэм епхъашэкIт ар, пэжым ухуеймэ, (Iуэхур фейдэм хуэкIуэмэ, къаз сщIэкъыми ЦIыхухэми яхуэмыфащэ къащылъыс къохъу) Сэ Мыжьыкъыр къуаншэщ жысIэкъым, Ауэ Къазхэм ар нэгъуэщIут къазэрыщыхъур. ГъуэгурыкIуэу блэкIIамэ, зыхуагъазэти Къазыхъуэр хуаубт: - Дэ дыкъа...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "Ivanqrylov.txt" }
Безбородова Татьянэ ЗэзыдзэкIар Журт Ислъамщ Дыгъэ Дыгъэм и унэр Щыуаеми хуабэщ. Дыгъэм и унэр Жэщ кIыфIми нэхущ. Дыгъэр къыкъуэкIамэ Сэ уэрэд къызош. Дыгъэр уэращ, мамэ, Удз гъэгъа узот. Псом нэхъыфIу слъагъур Сэ уэра къысфIощI.
{ "source": "adygabza.ru", "id": "jurtislam.txt" }
Ди хьэщIэщым нобэ щыдипсэлъэгъущ зэрысабийрэ щIэныгъэкIи къулыкъукIи шы гъэхъуным пыщIауэ къекIуэкI цIыху гъэщIэгъуэн: мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, профессор, «Адыгэшыр хъумэнымрэ гъэбэгъуэнымкIэ зэгухьэныгъэм» и унафэщI Къагъырмэс Црай. - Адыгэшымрэ «къэрэшей шы лъэпкъ» жыхуаIэмрэ сыт зэхуаIуэхур? - «Къэрэшей шы лъэ...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kabardei.txt" }
Адэм деж письмо (пычыгъуэ) Си адэ лъапIэ! Сыпщышынэу щIыжысIэмкIэ укъызэупщIат зымахуэ. Зэрыхъу хабзэти жэуап уэстыжыфатэкъым. Зы лъэныкъуэкIэ, сыпщышынэт, адрей лъэныкъуэкIэи а шынэр къызыхэкIыр IупщI хъун папщIэ, тепсэлъыхьыгъуей куэдыIуэ къэгъэхъеин хуейт. Иджыпсту жэуапыр тхыгъэкIэ уэстыжыну сыхэтми, ар нэмыгъэсыпа...
{ "source": "adygabza.ru", "id": "kafka-frantc.txt" }